***

Сыкъалъхуами сэ мазиблу
Гущэм псынщIэу сыкъехащ,
Си лъэм хъуаскIэхэр къыщIихыу
Сэ мазибгъум сызекIуащ.

Нобэ къэс жеIэж си анэм
ЛошкIэр быдэуэ сIыгъауэ,
Си анэшхуэм и куэщI щабэм
ЖэкIэ лIыхъур ситIысхьауэ!

КъикIухьащ уи щIалэм жаIэу
Си адэшхуэм щыжраIэм,
Iуэм ит мэлхэм я нэхъыфIыр
Лъэтеувэу схуиукIащ.

Абы псысэ зыри хэткъым
Сэ жысIэжхэр псори пэжщ.
Ноби дэсщ ди хьэблэм цIыхухэ,
Ахэр псори фIыуэ зыщIэж!

Мэлыжьыхьым сыкъалъхуами
Дыгъэгъазэм сызекIуащ,
Махуэгъэпсым сыроплъэжри
Ахэр тыншыу IупщI схуощIыж.

Iэмэпсымэм я нэхъыфIыр
Нобэм къэскIэ сыутIыпщакъым
Ныбэр тIэкIу къызэрыблагъэу,
Сожэр занщIэу сэ пщэфIапIэм!


Рецензии