Бригадир
Адакъэжьыр Iуэн и пэ,
Ди хьэжьыр игъэбанэу,
Куэбжэпэм къэувт.
ЛIыгъэ уиIэт, IубгъэкIым,
Абы жиIэр – законт.
И къэмышыр игъэдалъэурэ,
Нарядыр къуитынт…
Махуэ къэскIэ улажьэм,
«Трудодень» - пхуитхынт,
Ахъшэ тыгъуэр къэсмэ,
Къыплъысыжыр «мохьт»!
Демократхэм а «стройр»,
ЗэшэзэпIэ ящIащ,
Жеин зыфIэфIхэр,
Жэнэтым ихуащ!?
Колхози щыIэжкъым –
Куэд щIау лъэлъэжащ,
Бригадиру щытам,
«Мерседес» къищэхуащ.
Свидетельство о публикации №113012210210