Апхуэдэу уэ сыбгъэсащ

                Али деж
Хэт узихьэщIэр уэ нобэ?
Бахъсэн псы ябгэм и усэм
Сабийуэ щIэдэIуа Бубэ.
УсэфI итхыну ехъуапсэм,
Къихьыжурэ куэдрэ тобэ,
Хуэмыхъуу «Шыхулъагъуэм» зыгъазэм.
Я гугъэщ ар куэдым къэрабэ,
ЗищIысыр ар хэтми щыгъуазэм,
ЖевгъаIэт хуэмыхууэ Бубэ?
ИIэбэм ар и псалъалъэм,
Нэхъыбэм къимыкI псалъэ щабэ
ЗымыщIэ абы пэувым,
ХихынкIэ мэхъур фэбжьышхуэ.
Фысакъ! А щIалэм фыхуэзэм,
ЯжреIэ Iустазым зыхуэзэм,
Абы губжьауэ зигъазэм,
Щыблэу къэуэнущ и псалъэр!...
Гу IэфI тещIэжу си псалъэр,
Нобэ Алий сыкъэсащ.
Сэ куэдрэ цIыхум соплъыр,
Апхуэдэу уэ сыбгъэсащ.
Сэтей къэзмыщIу хьилымыр,
Хъунти иджы-зысшыIащ.
АдэкIэ секIуэкIым мэмыру,
Дунейр хэкIуэдэжынщ!?
Тхьэм къызитам селъэпауэм,
НыбжькIэ къысхуэмыгъунщ,
Здэнукъым щыIэу «жыпиуэ»
Къежэхыу и нэпсыр згъагъынщ!


Рецензии