Чылани

Ар ищIатэм Чылани,
Бэдрэжан мы гъэм ищIэнт,
Банкым кърихыу сом миний,
ЩIым бэджэнду елэжьынт?
ЗэIыхьащ и Iуэхур щIалэм,
ПсыхэкIуадэ хъуащ и гуащIэр,
Самопал ирафу жьауэм,
ЩIэса гупым къащI ауан.
Ахэр пшапэр зэрызэхэуэу,
Щхьэж и «бжэным» деж кIуэжынущ,
***йкъым ахэр гугъу ехьыну,
ФIыу къежьат «козел» джэгуныр?!
Ахэм зым и щIыхуи телъкъым,
Нэху щыху пырхъыуэ мэжей,
Ялъэгъуау пщIыхьыфI къоушри,
Бжэн гугъу ящI – ирагъэлей.
Совет властыр щыIэжаIэм,
Ахэр псори губгъуэм итт,
Чылани я бригэдиру,
Зэхьэзэхуэу хьэсэм хэтт.
ИугъащIэ Чубайс Толэ! – жари
Хъуахъуэу ахэр йофэ,
Самопалыр ***ту къожри,
Хьеуан гупыр мэудафэ.
Чылани гъэ псо хэна пэт,
Хуэмыфащуэу щтапIэ кIуакъым,
Ар гъэ къакIуэм фIыкIэ поплъэ,
Бжьыхьэхэсэу гуэдз хисауэ.


Рецензии