Хьэтх

                Хьэх С., деж
Пасуэ хьэсэм сыхыхьатэм,
Хьэуэ сыт хуэдиз къэсхынут?
Гъунэ ичэзум ислъатэм.
Зэрыххьэсэу сысей хъуат.
Япэ къэсым хьэ ищIэфтэм,
ЦIыхуу щыIэр дехъулIат,
Ар къохъулIэр талант зиIэм,
Къэсыжаш хуэхейр талант.
ЩIыр зэтес ищIауэ пасэу,
Хьэхым гъэ къэс хьэ бэв Iуехыр,
Феплъыт хьэмым самэу телъым,
Ахэр псори Хьэхым ейщ!
Сэфарбий пашэгъу сищIатэм,
Гъэр икIыху сыдэлэжьэнт,
Си лэжьэкIэр игу ирихьтэм,
УлахуэфIи къызитынт.
Хьэ Iухыгъуэм пIалъэ иIэщ,
Iуэн яухым щIыр явэж,
Хьэтхым «табельхэр» итыжым,
Хьэхым хьэкъыр къыратыж.
Сэ сфIэфIщ образхэр «сыхьэхми»
Хьэтхым ар къищIауэ собж.
Сэ ситету Хьэрэкхъуэрэ,
Дунейр куэдрэ къэсплъыхьащ,
Бахъсэн псыхъуэ и кIыхьагъкIэ,
Си нэр жану сриплъащ.
Шэрэдж Iуфэ щалъхуа Хьэтхым
Дамэ тету къыщIэкIащ,
Ар къуршыбгъэхэм я гъусуэ,
Сяпэ ищри, уэгум кIуащ!
Сэри си жьэр IэкIэ пхакъым,
ЖысIэжынур си мелуанщ,
Хьэтхым «хьэм» сыкъыхимыхум,
Си хъыбар фэ зэхэфхынщ!


Рецензии