Адыгэ

Мы дунейр къекIуэкIыу кризисщ,
Сэ аргуэру гуп сыхэсщ,
Миссисипи сыхэмыфми,
ЗэкIэ сэ си Iуэхур "стощ"!
Куэд дэмыкIыу щхьэр къахьынущ.
Iэнэр икIэм нэблэгьащ,
ХьэщIэ лъапIэ къытхуэкIуахэр,
Ежъэжыну – къытреч.
Сэ си адэм и адэ Хьисэ,
Блэгъум иплъэм куэд къырихт,
Щхьэр Iыхьищыуэ игуэшти,
Зыхуэфащэхэм яритт.
Нэм илъагъур нэм ещIэжыр,
Хьисэ ещхь сэ сыхъужащ,
"ЗэрыжаIэу щхьэр къомыхь" 
ЗыжесIыпхъэм – хуэсIуохуащ.
Щэ ди пыIэр - дэддзей хъуну,
Благъэ махуэ дэ дгъуэтащ,
Ди нэ къокI дабгъэдэсыну,
ЖыдмыIауэ куэд къэнащ.
Хэт и фIыщIэми къэкIуахэм,
БзэфI яIулъу кзыщIэкIащ,
Хъуэхъу къалъысу жзыIахэм,
ДызIэпишэу дедэIуащ!
Гуп узыншэм сфIэфIщ тхьэмадэу,
Къулейу Iэнэм сыщысын,
Сыхырен а махуэм куэдым,
Благъэм хъер кзыдэкIуэжынщ.
Ар нэщэнэу куэд щIау диIэщ,
Ди Iэр тохуэр зэдгъэпщам,
ТщIамкIэ зэи дэ дыщIегъуэжкъым,
Ар лъэпкъ хабзэу тхэлъщ.
Фэщхьу дэри дыжьэнахуэщ,
IэфIу тфIэфIщ тшхыжын ди гуащIэ,
ЦIыху губгъэным зыщыдодзыр,
Жэмыхьэтым, ар фIыу ящIэ.
Ди зэманым фIы хуэжысIэм,
Куэдым фи щхьэр къыфIэхунщ,
Тхьэм ди хъуэхъухэр зэхихамэ,
И нэфI псоми къытщыхуэнщ.
ПщIантIэм Iэнэр хьэзыр хъухукIэ,
Къахьа щхьэм и Iуэху зетхуэнщ,
Благьэ махуэ зыхуэхъуахэр,
Зыр зым нобэ деижынкъым.
IуэхутхьэбзащIэуэ къежьахэм,
Гупым фи нэхъыжъым,
Щхьэр изотыр икъутэнум,
Фэращ ныш зыхуаукIари.
ЩIэблэм ящIэу къыщIэкIынкъым,
Сэ мыхабзэ къезгъэжьакъым,
Къищтэу щхьэр Альбэч икъутэу,
Хъунущ Iэнэр зэхуэтщIыж!
ЦIыху Iущ щыIэу зифIэщ мыхъухэм,
Нобэ щапхьэ ттырах хъунущ,
Зыри тщIапхъэ къэдгъэнакъым,
Куэдым фIыкIэ дызыхахынщ.
Ар иуасэщ къуажэ.
Альбэч сэ нэхъ сегъэпажэ,
Иджы фадэр Iуфч,
Щхьэ къутэныр йдогъажьэ.
Сэ си адэм и адэ Хьисэ.
Франджым зэи щыIэу щытакъым,
ФIэфIт хэсын ар гуп гъэса,
Гу къыльатэу и акъылым.
Ауэ щыхъукIэ щхьэгъэрытым,
Псом нэхъапэ пщIэ хуэтщIынщ,
Ар IэнатIэ гугъу Iутащ,
И нэхъыбэр, къехъулIащ?!
Абы сэ тхьэкIумэр фIэсхыу,
Зыми естыфынкъым.
Мэлым и пэнцIывыр лъысым,
ИрегуфIэ си ижьырабгъур.
Хэгъэрейм сакъыфIэкIынщи,
ГумкIэ благъэм сыIэбэнщ,
КъытхуэкIуахэм я нэхъыжьым,
Ихьэлэлщ – нэщIащIащэр!
Сэ щхьэ дакьэр къысхуэнащи,
КъизгъэкIынкъым флъагъуу и пIэм,
Щытщ куэд щIау дунейр апхуэдэу,
КъахуэщIэжкъым къезгъэжьар?!


Рецензии