Жуlэт

Шамхьун дунейм къызэрытехъуэрэ зы махуэ зэрымынэщIыфар гукъеуэяхуэ уэ иIэт. Ар щхьэусыгъуэ куэдым къыхэкIырт. Еплъ, мы гъэми зэрыхуэзам. НэщIым зэрыщIидзэрэ ар зы пщэдджыжь и чэзум къэтэджу щэращ ишхыну ехъулIакъым. Игъусэхэми зы цIыху зэрахэмытт Алыхьым дежкIэ плъэуэ. ЩIалэхэщ, ящIэркъым. Жъыгьэр зэ кьэжьэхэуэмэ, Iущ хъунщ адэри. Шамхьуни щытащ ажхуэдэу, ауэ иджы, илъэс щэ ныкьуэм зэрыщIыгъу лъандэрэ, ищIэм нэгъуэщIу еплъ хъуащ…
Догуэ, мы дунейм псэ зыIуту тету хъуар дауэ къежьа хьуа? Сыт абы щIэдзапIэ хуэхъуар? Куэд мэхъу Шамхьун иужь зэманым зржтыж упщIэхэр, зымп и жэуап къыхуэмыгъуэту. Ар ныбжьым къыдэкIуауэ арауэ къыщIэкIынущ, армыхъуамэ и щхьэр здэщыIар дэнэ белигъыпIэ зэриувэрэ? Къемэт махуэми дау хъуну. Унэм щыIэжатэмэ, и щхьэгъусэ Мерэре езымрэ зэгурыIуэнти, зыгуэрурэ мы гьэм нэщIыр кърахьэ – лIэнт. Ауэ сыт и мыхьэнэ. Щхьэгъусэр унэм щIэсмэ, Шамхьун щIы гьунэм щыIэщ. Апхуэдизу бэв хъуа кIэртIофыри, дауи, зи фIыщIэр ди щхьэщыгум ит Алыхьу закъуращ, абы иужьу, Шамхьун зи пашэу, бэджэнди лэжьа щIалэ гупырщ. Бэджэнду щIы кьеIыпхауэ, бгъэхьэулей хъурэ сытми?
Лэжьэн ***йщ. Лэжьэн хуейщ, ауэ мыхъуу-хэкъузауэ, езым къыдэлажьэ цIыхухэм щапхъэ яхужэхъуу. Шамхьун апхуэдэущ зэресар. ИгъащIэм и Iуэхум мытэмэм хэтакъым. Школым щыщIэсами, университетым щIэтIысхьэу агроном IэщIагъэр щызэригъэгъуэтами ар зэи икIеу щытакъым.
Ар сытым дежи шэрытыну ***йщ! ЗэрыжаIэщи, Зэхьэзэхуэр мэунэри-зэижитIыр мэунэхъу. Адыгэхэр илъэс мин бжыгъэ хъуауэ къокIуэкI апхуэдэу, абы щыгъуэ «социализмэри», «соцсоревнованиери» цIыхухэм дэнэ щыIэми ящIэу щытакъым.
Дылахъстэнейм нэс укьикIыу, бэджэнду щIы кьеIыпхыу умыгъэтэмэмын жыхуэпIэр мыбдежым щылъкым. Хьэмыщэ къудей Шамхьун унэм екIуэлIэжа нэужь, зыкъызэрыхуищIынур урикъуни. «ДогуэттIэ си ныбжьэгъужь, Къэбэрдейишхуэм нэс умыкIуэу, щIы бэджэнду къеIыпхынум бгъуэтыртэкъэ?» - жиIэнщ. Иригъэжьэнщи, узыжэгъуэныр еудаIуэ, абы щIэнакIэрэ, ауанрэ хэлъу зызэрищIынум. Инженер IэщIагъэм ***мыджэу артисту еджэн хуеящ ар. Талантышхуэр ауэ кIуэдауэ кьегъэув Шамхьун. Хьэмыщэ ныкъусэныгъэ гуэр уиIэу къищIамэ аращ зэрыхъур. Ар псалъэкIэ къыщоущийм деж, моуэ уи лым щыщ Iэрыхьауэ ириIуэнтIыхьыжу къопIэскIум хуэдэщ. Абы и закъуэ? Дзэлыкъуэ куейм исхэми жаIэнур сытыт, Шамхьун мы илъэсым кIэртIофыр тэмэму хуземыхьатэмэ? Ахэми, уэрэд пхуаусыну хьэзырхэщ.
Дзэлыкъуэдэс щыщ Заудинрэ Хьэмыщэре зэгъусэу инженеру здемыджатэмэ, Шамхьун езыр зыхуейм хуэдэ кIэртIоф жылэфI къыIэрымыхьэнри хэлът. ФIыгъуэу щыIэр Тьэм кьыхуищIэ ЗэкIуж Заудин, адыгэлIщ нэгъэсауэ. Дылахъстэнейм щыщ и ныбжьэгъуми хуэпэжу къыщIэкIащ. Я нэхъыбэм зы жаIэ, ящIэр нэгъущIщ. ЩтэIэщтаблэхэщ. Дефолът, дефолът жари зыгуэрым радиори, телевизорри увыIэгьуэ имыIэу топсэлъыхь, ара хъунщ ар зи Iэужыр? Агроном IэщIагъэр фIыуэ къыхихат Шамхьун, зэи хущIегъуэжажьым. Мы дунейм цIыху тетыху, а IэщIагьэри щыIэнущ. ЩымыIэуи хъунукъым, ар щымыIэмэ, цIыхухэм еыт яшхынур? Псоми я Iэнэгум срыскъыуэ къитехьэр къэзылэжьхэр ЩIым елэжь цIыхухэращ. Сытым дежи, ЩIы псалъэр хьэрфышхуэкIэ тхын ***уэ къебжыр Шамхьун. ЩIым хэплъхьар зэи кIуэдынукьым, хэплъхьам нэхърэ нэхъыбэ кьуитыжынущ. Куэдым ЩIым зырагъэгъэгусэ, тырагъэкIуадэр мащIэу, фейдэ хэхыпIэу яIэну хуейхэщ. Апхуэдэ щыIэкъым. ЩIым дежкIэ «социализм» лэжьэкIэри фо матэу щытакъым. Шамхьун и Iэпхъуамбэм щIедзэкъэжын хуей Iэджи и гум къокIыж иужь зэманым. ДяпэкIэ апхуэдэ зэрыщымыIэжынур хьэкъщ. ЩIыщымыIэжынури Госплан СССР жыхуаIэу щытар кIуэдыкIейуэ кIуэдащи аращ. ЩIэпIэ-щIэкIуадэр Алыхьым къыхуигъакIуэ, Шамхьун и щIалэгьуэм хуитакъым нобэ хуэдэу, ЩIым хуэщIыхьэу телэжьыхьыну. Госпланым Обкомым унафэ къыхуищIт, Совминым районхэм и щхьэмкIэ къыхуагъэвува планыро ятригуэшэжти, Шамхьун шылажьэ колхозым тхылъ къаIэрыхьэрт гуэдзыу, нартыхуу, кIэртIофу, семышкIэу, бэдрэжану, бэлыджэу, ихъыуэ… дапхуэдиз хасэнуми. Иджы хущIыхьэгъуэкIэрэ Шамхьун и гъащIэм ироплъэжри, фIыуэ лэжьэфащ ар зэманым зыгуэр къыщымыщIу. ПцIы куэд иупсын хуей хъурт.
Мыдэ пцIым лъакъуэ щIэмыту жаIэ. Шамхьун абыкIэ зыгуэр къеунщIарэт. Сыт ищIэнт, ныбжькIэ зыхиубыда зэманым зыдригъэкIуащ. НэгъуэщI къарал кьыщалъхуатэм и гъащIэ Iыхьэр нэгъуэщIу къекIуэкIынри хэлът. Совет властым духьэшыщ жиIэу игъэкIуэда и адэшхуэми, цIыху гъащIэ къигъэщIэну къыщIэкIынт. Абы и закъутэкъым ягъакIуэдар щэщI гъэхэм и кIэухым. Абыхэм къалъхуами, абыхэм къалъхуахэм къалъхуахэми зэрижаIэнур ямыщIэу гу къеуэшхуэу яIэт яхуэмыфащэрэ и мычэзууэ къахуепща жьышхуэр. Iуэху мыщхьэчмыпэ куэд екIуэкIащ Совет властым и зэманым. Шамхьуни агроном лэжьыгъэр къырихьэкIыурэ, ***я-хуэмеями тхылъ нэпцI куэдым и Iэ щIидзащ. Ар и IэщIагъэм щIыхуеджар «припискэ» ищIу лажьэну аратэкъым, атIэ нобэ хуэдэу и ищIэнтэпс къабзэкIэ кьилэжьар дэуэгъу имыIэу IэфIу ишхыжу дунейм тетыну хуейуэ арат. Шамхьун лажьэн щыщIидза гъащIэм я къуажэ Iэхъуэм щехъуэпса куэдрэ къэхъуащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, илъагъут ар и гуащIэ къабзэкIэ лажьэ шхэжу дунейм зэрытетыр. Езыри, хуейт апхуэдэу, ауэ хъуртэкъым. Псоми ящIэр умыщIэу ядэнутэкъым. Шамхьун куэдрэ пхырыплъащ а зэманым и Iуэхум, хэгъэзыхьауэ куууэ егупсысу, я колхоз председателым упэув хъунурэ тэкъым. АI, районым республикэм фIыуэ къыщацIыхуу зи псалъэ тIыу зымыщIу лIы гуащIэ гуэрт, Орден зехьэт, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хэхыгъуэ хъэсыху хахырт, зауэми хэтат. Шамхьун зыт игъэщIагъуэр, гъэр хъуамэ, вэнтсэнри, къакIыгъэ зехьэнри зэфIэкIту, гъавэ къехьэлIэжыгъуэм дежт псори «щыятэр», Обкомым и лэжьакIуэуэри абы хэтыжу. Псалъэм папщIэ, хъарбыз хьэсэр зэрыхъуу нэхъыфIыу хъуахэр псом япэ абыхэм яIэрыхьэн хуейт, ауэрэ щIымахуэм яшхыну кхъужьымрэ мыIэрысэмрэ и чэзур къэсти, Шамхьун и бгыр быдэу щIикъузэт. Республикэм ис лIыщхьэхэм хуашэ фIыгъуэхэр цIыху къэгъэгубжь хъунути, куэдым къащIэ хъунутэкъыз. ЦIыхухэри зэгъэжауэ, машина куэди земыкIуэжу езыр бортовой уазым и рулым дэтIысхьэти макIуэ-мэлъей, уунагъуэ унагъуэкIэ щыхьэрым щызэбгыришт. Абы щыгъуэ Шамхьун кыищта бгы узыр нобэр къыздэсым иIэщ.
Сыту куэдрэ Мерэ мыгъуэлъыжу къежьа апхуэдэ жэщ кIыфIхэм. И щхьэгусэр фIыIуэу илъагъут Шамхьун.
Зэ фIэкIа имылъэгъуауэ къиша Мерэ зеи игугъакъым апхуэдэу хуэлъэгъуну. Лъэгъуныгъэр гуащIэу ауэ жаIэкъым, Мерэ хузэфIэкIащ хъыджэбз куэд зэщэу щыта Шамхьун и гум псынщIэу лъагъуэ къыхуигъуэтыну.
Дунейр зыгуэркIэ нэхъ гугъу хъуами, жьыфI къепщэнэ хуэдэщ. ЦIыхухэр ***т хъуащ къэзылъахъэ щыIэжкъым, лэжьэн хуейуэ аращ.
Къуажэм и дыгъэмыхъуэыкIэ зэпэплIимэу щыIь щIы Iыхьэр бэджэнду къызэращтэу, зыхуей псоми хуагъэзат и чэзум яват, ягъэщабэжат. Ямыгъэпшэрауэ щитами, гъавэр бэв зэрымхъунур хьэкьт. Къыщыгъэгъахэми, уэфIу ирихьэлIэри и чэзум хъущхъуэ тыракIам хьэпIацIэу тесар зэуэ игъэкIуэдащ. КIэтIофыр Шамхьун дапшэрэ я кьуажэщIым химасами къэкIыгъэр езыр зэрыхуейм хуэхуэ къкхъулIакъым. Иджы аракъым, зэманым къигъэлъэгъуащ щхьэусыгъуэр здэщыIэр. Псори зэлъытар жылапхъэр Здыхэпсэ щIы Iыхьэрщ. Абы теухуахуэ Шамхьун диянэкIэ гукъеуэ имыIэми хъунущ.
Гьявэ Iухыжыгъуээм деж зы махуэ уэфIри сыт и уасэ. Илъэс кIуам дунейр уэшхырилэу щытащ, мы гъэр хъэрзынэу уэфIщ, лъэпо-щхьэпо зыри щыIэну хуэдэкъым. ТхьэмахуитI хуэдэ дунейр апхуэдэу уэфIу екIуэкIыжатэм псори тэмэм хъуат, итIанэ уи хьэшшыпыр зыщIакьуи хьэсэм хэкIыж. Иджыри къэс псори Алыхьым ухэрелъэIунщ. Аращ, куэдрэ псэуарэ куэд зыщIэрэ щIыжаIэр. ЦIыхум изакъуэмэ, хущIыхьэгъуэ игъуэтамэ зэмыгуисыс дунейм теткъым, куэдым и акъылы нос, кIэртIоф къэтIытжыным щIадзати, нэхъ псынщIэу зэщIэкъуэжа зэрыхъунум егупсысырт.
Шамхьун игъащIэм акъыл жанщ. Абы и сэбэп мыхъумэ и зэран зэи кьекIкъым. УзфIу нэху къызэрекIам, кIэртIофыр кьыхуэзыщып цIыхухэр къыкIэрымыхухэу и чэзум къызэрыхыхьам игукIэ щыгуфIыкIыу хьэсэм здыхэтым, абы илъэри зы «Джип» фIыцIэжхуэ, я ищыIэмкIэ къиунэтIауэ кьыхуэкIуэу къилъэгъуащ? Апхуэдэу нэшхуэгужхуэу, Шамхьун и «уэтэрым» къыхуэкIуэн ныбжьэгъу иIэу кьыхуэщIэжтэкъым. СыткIэ дыпхуэ сэбэпыну жиIау ар баяну кIэртIоф хьэсэм асфальт захуэм кьытекIыуи кьыхыхьакъым. ЩIыр явауэ щахасэми, щапщIэми, щыщIатъуэми хущхъуэ щытыракIари абы хэтыжу, зы цIыху, зы цIыху закъуа, Шамхьун езыр емыджауэ Iэшэлъашэм къекIуэлIакъым. Сыту пIоре иджы къэхъуар?
«Джип»-м къикIа щIалэшхуэр Шамхьун нахъапэкIэ ицIыху щыта гуэрым иригъэщхьащ, ауэ мыр аратэкьым. Ар нэхъ щхьэ джафэт, мыбы щхьэц Iув тетщ, лъагэщ, паIабгъуэщ, напэ кIыхыщ, пщэ гъумщ, и тхьэкIумитIри къутащ, занщIэу болъагъу банакIуэу зэрыщыта. Шамхьун япэ плъэгъуэм къилъэгъуар аращ. Къыхуеблэгъам щыгъ фэ платышхуэми, и пщэдэлъ къуэлэнми, и пщэм илъ дышэ цепми гу щыльитар нэхъ иужькIэщ.
Абы занщIэу ищэдэлъ къуэлэныращ и ниткIыр зыфIэнар. Куэд щIатэкъым ар кино «боевик» зэреплъырэ, абы теплъэгъуэ дыдэ хэтащ езым дэль галстукымкIэ зыгуэр ятхьэлэжу. Университетым щеджэми, боксымIэ секцием фIыуэ кIуат Нобэ хуэдэ махуэу къыщIэкIынт ар къыщыщхьэпэнур. Езым хуэдэ лIитI папщIэ Шамхьун кьикIуэтынутэкъым.
«Джип»-м къимыкIауэ зы щIалэ нэщхъыцэ гуэри ист, тутын Iугъуейр дыригъэхуейуэ, бжэр Iухауэ къэмынатэм ари пльэгъунутэкъым Шамхьун Абджхэм плъенкэ тегъэнщIати адрей исхэр дапщэ хъуми къыхуэлъагъутэкъым.
Ахэр ззрыхъум и бжигъэр абы пщIэн ***йт. Куэд дэмыкIыу зэхэуэшхуэ ми щIыпIэм къыщыхъунут. Абы и хъыбар КIэбэрдейм псом зыхахын. Инми, цIыкуми. ИращIэ Джилэхъэтэнейхер зыхуэдэр псоми. ЕтIуанэ гъуэгу абыкIэ къинIахэм зыми зи кIынащIэнкъым Шамхьун и сэбыми зыгуэрхэн екIынщ. Рэкэтирхэри тIэкIу сэбиринкIэ хъунщ. НитIэ, Горбачев и Ельцин къакIуэу, «догуэт зэ Пагэ Шамхьун, уи гъуэгъури гъэтIылъ уи фоч зэгуэтми зэкIэ уэмиIусэ «жаIэу, ахэр, с нэгъэщIэуэрхэр къакIуэ и «хьэщIэхэр». Iуагъэщтын хуейуэ ара. Апхуэдэ зэи кьэмыхъуну аращ. Пагэ Шамхьун пыIэ щхьэрыгъну лIыщ, абы сытым дежи и щхьэм и унафэ хуэщIыжынущ. Янэми аращ зэрыщытар, иджыри езыр псэухун апхуэдэу щытынущ. Жэщ кIеам ар мыжейями Iуэхукъым, ауэр зэ иригъажъэм нэхъ къэгубжьауэ уэнщ. Мыжейями ягъэ кIатэкъым, иужь зэманым хьэсэм кеуэса кхъуэ иIащэхэри къэкIутэкъым Шамхьуни фочыр имыгъэуауэ зырыузэдам хуэдэу ищыIэм щIэлът. Дунейхэри нэгъуэщI хъуащ, щхьэзакъуэ мылъкум мыхьэнэшхуэ иратащ. Янэм колхоз хьэсэм дыгъуакIуэу къэкIуауэ, зыгуэрым тIэкIу уэащхъэфэуамэ укъырплъэфэкIыу щытащ. Хьамищэ мыхъуатэм, Шамхьун зыгъэ фийуэ къыхадэ пэтащ Партым. Ауэ иджы къэзылъахъэ щыIэкъым. Модэ данэ жаIа ар кьыщыхъуар, пэртыху цIынэ къыдичиу зыгуэр хъэсэм хэту зейм къилъагъури гьущI гуахъуэ иIигъымкIэ еуэри зэшэзэрIу иукIати, зы къырамыщIауэ жаIэ. Ари гъэщIэгъуэнщ, армыхъуамэ умимейм ущIэнэцIым хуейри сыт? Куэдым яхуэфацэ къащэщIри, итIанэ мегъыжхэ. Шамхьун лэжьэн зэыщIиэдзэрэ и лэжыгъэ енатIэм щемыгугъуа къэхъуакъым, еуэ иджы хуэдэу зыIэпишауэ зэи, гъэм зэрыщIидзэрэ губгъуэм итауа ищIэжкъым (псори Горбачевщ зи ягъэр, ар мыхъуамэ къэралыр къутэнутэкъым), къэралыр микъутатэм Шамхьун Джилэхъэтэнейм щыIэжынут Джилэхъэтэнейм и колхозх садым итынут, махуэр зи кIыхагъым хэтми зигуэр зи бжьэрэ зи джэдрэ иIыгъыу зи къэкIуэнурэ мыIэрысэ иритинут, арати Хьэмыщэрэ абырэ хъуэхъу дахэхэр жаIэу тIэкIу зибгъэдэсынурэ щхьэм и унэ кIуэжынут. Хьэуэ, Шамхьун ирихьэжьэу и машинэм мыIэрысэ ашычитI иригъэувэу Гумккъалэ дэс и ихъужъым дэн кIуэнри хэлът. Иджы аракъым, зи тэлэжкэ кIэртIофу къызомыту хъунукъым жери зыгуэр къэджэдащ, е бжъэкьым, е джэдкъым. Сыту пIэрэ ар зыщыгугъыр? Къызэрыбгъэдыхьдауэ игъащIэм беликIи шэмэджыкIи зымыIжыгъа и Iэ щабэр къыхуишириуэра Пагэ Щамхьуныр? ЖиIэу къыщеуищIам, Шамхьун ищIэу лъы щIэту хъуар и щхьэм дэуейящ. Зы тележкэ къэгъэнауэ зы кIэртIоф закъуэ имилъэгъуну арат аби а «Джип»-кIэ къизыхыхьауэ зыхэт кIэртIоф хьэсэм щыщу. Унейуэ къищтауэ игъэлажьэ цIыхухэр лэжыгъэр зинагъэуэу къанлъэу щымытахэрэт, ахэр псори цIыхубзэ сабийрэщ, зыгъэлажьэ жьищхьэмахуэ хъун Хьэжсэт къищимыщIа. Абы апхуэдиз ныбжь имыIатэм зыгуэкIэ ущыгугъ хъунут, ауэ дэнэ илъэс ищIэу ирикъуэм илъэсщ чэмыжу аращ.
КъыIухьар фIыуэ ицIыхуу къыщIэкIэнущ Хьэжсэт, амыхъуамэ гуахъуэ щIэгъэкъуауэ апхуэдизрэ щытынтэкъым кIэртIофыр къэзыщынхэми яхундэтэкъым. Махуэм хэпллъыхьауэ пэгун иным из къыщываткIэ тэмэму фылэжьэн хуэйщ жиIэурэ адей махуэхэм деж, абы цIыхухэм хуэщIыхьэгъуэ яриткъым, къэбабзэу зыри къытрамынэу къамыщынум идэкъым Еыскъыр ауэ бгъэ – кIуэд хьунукъымэ ищIэ хуэщIын ***йщ жыIэрейт.
Я унэм щыкIуэжкIуэ ярыгъэхь кIэртIофым нэмыщI, Шамхьун къыхуэлажьэ цIыхухэм мазэ хьэкъи ярытын ***йщ. Хъэрзынэу Обкоми, райкоми, «Мэкъумэш», «Мэкъумэш», щIалэжьитIым я фIыгъэкIэ хэкIащ. Иджы хуэмэбжьэмэ къэнахэм Шамхьун и фоч зэгуэтымкIэ зэ яхэуэнщи, тхъытхъытхъ-апщий «Джип»-ри исхэри яхэуэнщи, тхъытхъытхъ-апщий «Джип»-ри исхэри кIэртIофымкъэм щыбгъуэтыжыи. ЗыгуэркIэ традзэрэ с Горбачев с Ельцин деж фочкIэ къытхэуащ жаIэрэ тхьэусыхакIуэ  къахэкIэрэ кIуэми: «Молодец, Пагов, так держать» жаIэн фIокI сыт ящIэн.
Сэ зы Японщ, ар уэ умыщIэуэ ара? – жери нэхъ гъунэгьу зыкъыхунщIауэ щIалэм зыгуэрхэр къыжыриIэт.
Е щIанэ, кIэртIофыр сэ ешхыну сыхуейуэ аракъым, тутнакъым ису жэщIым зыIыгъхэм яхэшэну аращ, псалъэухар Шамхьун IунщIэу кьыгуиIуащ, итIанэщ махуэр зэрымахуэкури, мазэр зэрынэщIмазэри, я къуажэ ефендим жэнэзым деж уаз щиткIэ битырымрэ сэджытым и кьафэ къемыхыу ягугъу зэрыжIи и гум къэщIыжарщ. Пэджыдэу кIэртIоф Мухимжыгъумрэ Рамазан мазэ лъажIэмэ зэрихьэлIат?! Шамхьун иужь махуэ зытIум гукъеуэ кIэмрэ ЩIалэ къэкIур щъыщIэкIумрэ зыгуэркIэ зыщыщIат. Иджы къэнар сэтей къэхъуа Iуэхур гъэзэщIэн ***йуе арат. Шамхьун Япон игъэIуэхутхьэбзэщIэфынут, ари езым имыщIэ. Догуэт зэ жыхуиIэу, Шамхьун тIэкIу икIуэтри Хьэжэсти, адрей цIыхухэми къалъэгъун хуэдэу уври Iэ яхунщIащ, зыри къэхъуакъымкIэртIофыр къэфщын жыхупIэу. Арати, псынщIэу заужьыжри абыхэми щыпэн щIдзэжащ. Шамхьун иджы зыри кьэмыхъуам ещхьыу зыкъыхыртдзэкIыжу Япон тэмыму сисэлъэн хуейт. Япони тутнакъым исхэм щхьэкIэ щыгузавэкIэ Горбачев, Ельцин, Шамхьун сымэ ещхьу щIалэжьу къыщIакIынут, ищIэ хуэщIыпхъэт! Нобэ щыщIэдзауэ Шамхьунэ Японрэ «зэкъуэщщ».
Соломон ауэ жиIакъым «ЦIыху акъылыншэ губжьым псынщIэу къызэщIеIэтэ, цIыху губзыгъэр къирапэс щхьэкIуэм блокI» жиIэу.
Шамхьун пщыIэм щIыхьежи зэппскэ итхыщ, зэ зыкIуэ цIиилIащIэри Япон ***щиящ. Абы идти тележкэм илъыр кIэртIоф зыхэмизащ жиIэури. Зэхуэарезыуэ псори зэкIэщIэкIик хъунут. Японакъыл хурикъуащ Шамхьун илъагъуу тхылъымиIэ къритам емыджэн, ауэ ар амбарым кIуэмэ шэч лъэпкъ къытырыхьэртэкъым къыщIежьар теезу зэрызэфIэкIынум. А къэхъуар Шамхьун и щэхут. Япон цIэрыIуэ щыхъуа, дауи лъэхъуэщырэт, ауэ Шамхьун абы зыри хуищIэ щыIэтэкъым. КIэртIоф къэн тIощI амбарым Iухьэм къратыну заппекэ хуитхащи езыр зэрыхуейм хуэдэу ирещI. Нэхъ къищтамэ, ищэнщи ахъшэу яхунгуэшынщ, зэыкIэртIофу яхуппэрэ яригъэшхыми нэхъыфIыжщ. Шамхьун мы гъэм къырихьэлIэх кIэртофIым и сэджытыр хьалэлу хигъэкIауэ къалъытэ къэбыл ищIынум Алыхьыащ хуитыр. Е-е-е мы дунейм сыту куэд игъэщкIурэ. Шамхьунрэ Мухьэмэдрэ къалъхуэхэм къалъхуахуэ зэблагъэ дыдэщ, журт къулей гуэрым и унэм щIыхьауэ дыщэхэкI щIэхэр къыщIыхрэ пэт яубыдри, илъэитI къыратауэ щысщ. Ар зыкъуем щIауэ зыфIэфIыр и благъэ зэрыщхьэрыуар и Iуэху зэрызыкIэлъымыкIуэр цIыхухэм къаригъэщIэну. Усэбийуэ плъэгъуар щыгъупщэкъым. Мухьэмэд и адэпхуэр, езым апхуэдэу имыщIэжынкIэ хъунщ щIалэжи. Шамхьун япэ дыдэ ным цIахуцIэу тезгъэтIысхьауэ щытар аращ. ЗэрыцIысIурэ Шамхьун и анэшхэр фIыуэ слъагъу, цIыху жумартхэщ, гуапэхэщ. Тхьем жиIэмэ Мухьэмэд насыпшэми зыгуэр химхикIынщ Шамхьун и сэджытым щыщу. Зэрысабийрэ мыгъуэт абы и гъащIэр. И анэ къэзылъхуар псорэ нэт игъащIэм и шхьэфэм щабэу Iэ къыдилъакъым, къыдилъэн къэгъэнауэ, гущэм хэлъу къигьанэри, фи щхьэ зэрыхьщ жери езыр лIы дэкIуэ ауэ щытащ. Шамхьун ауэ щытащ. Шамхьун пэч къытрихьэкъым, щIалагъэкIэ и анэщыр щыуами, ар гъуэгу захуэ зэрытсувэжыфынум Хэку зауэшхуэм хэта и адешхуэм хуэфащэу дунейм зеритетынум.
ЦIыхур къыщIхуэху ягъэтIыстэм куэд ягъэтIысын ***й хъунут. Шамхьун и хьэтыр зылъагъун судыщIэ гуэрхэр щыIэт ауэ и чэзум къыжырамыIамэ сит ищIэнт. ШъащIэм нэжь ехъэджакIуэшхуэ щыIэкъым, а къыщыщIам дере кьыхихинщ Мухьэмэд, ар здэщыIэми къегыин щыIэу къыщIэкIынщ. Я ищIыхь къыхэмыхуахуэ цIыху тэмэм куэд лъэпэрэжащ нужь зэманым. Сыздэджэлэнур сщIатэм хьэуэазэ згъэтIылъынут щIыжиIар аращ адыгэм. Мухьэмэд и анэр къемыщхьэкIуатэм, и быныр ипIыжу къыбгъэдэсыгнатэм а фебжь къэхъуари къэмыхъункIэ хъунт.
И анэм гу уз лы уз щимыIэм, Мухьэмэд и насыпти и адэр гущIэгъу лыт. ухуэныгъэхэр езыгъэкIуэкI лэжьакIуэ организацэм гъукIэу щылажьэу арати, нэъхыфI дыдэхэм хабжэрт, и сурэтри щIыхь цхъэмбгьум къинэжауэ илът. Мухьэмэд и адэм ирищIамкIэ щIегъуэжащ, кIасэу игьэулъин хуэмейуэ зэригьэулъияр къыгурыIуэжащ. Нэхъапэхэм Мухьэмэд и адэр апхуэдэу и гум къихьэу щытакъым, ауэ иужь зэманым, ар и адэр зэрыхъунум и Iуэхум Ехь. ЕтIыуанэу къишэжар тIэкIу нэхъыфIит, ауэ аби шхынхэр игъэпщкIурт. УмажалIэу эыгуэр тIэкIу сепхъуарэт – жыпIэу унэм ущIыхьэжамэ зы щIакхъуэ дзэкъэгъуэ зыщIыпIэ деж къытринауэ телъу бгьуэтыну – тэкъым, сырэ цIыкIу шхынхэр щиIыгъым и къыдэгъэжу хъуам IункIыбзэ етат. Мухьэмэд лъэхъуэщым къихуэн ипэ, мэжэщIалIэ зыщIар арауэ жыпIэ хъунущ. Судыр щекIуэкIым ди унагъуэ Iуэхур утыкум къислъхьэнкъымэ жери Мухьэмэд зишыIащ армыхъуамэ, тIэкIу дэкIыжамэ псори кърикIутыну хьэзырт. Я жьэр Iурыхуауэ судым щIэтахэри, судыщIэри Мухьэмэд и гу къеуэхэм сыткIэ ***йт. Колхоз жэмыр председателымрэ райкомым, обкомым и лэжьакIуэхэм зэхэту яшхыри кьагьэтIысауэ Iэщ дохутыру лэжьауэ лIи бэлыхь исщ лъэхъуэщым. Абы псори зэпкъырыхауэ къыжыриIащ Мухьэмэд. ЦIыху хейм суд зэрыращIэкIри, къуаншахэр ныбжь къатримыдзэу захуэ зэращIри. Сыту куэд къыпщIынкIэ хъуну гъащIэм узыхуэмысакъжым. Мухьэмэд куэд къищIащ а илъэстI зэрыщысам. Иджы япэ къэсу къаджэм игъусэу ялъэгьущ ар Iуэху хыхьэм. Гугъэр адэ щIэинщ жихуаIам нэхьей, Мухьэмэд и гур зэригъэфIын гуэрхэри щыIэщ иужь зэманым. И адэ Сэфарбий ещанэу щхьэгъусэу игъуэтыжар цIыхубз зэтес хуэдэщ. ЗэгурыIуэхэу къыщIэкIынущ, Мухьэмэд и адэм галстук дэльу зэи илъэгъуауэ ищIэжыркъым.
Иужьу зэ сыплъэнщ – жиIэу зэгъусэу кыщыкIуахэм папэ дахэIейуэ зэрыдзауэ галстукышхуэ дэлъащ. А уи адэр сыту лIы къекIу Мухьэмэд – жаIат игъсэхэми, дамэ езым къытекIэным зы тIэкIущ иIэжар. Мухьэмэд и Iуэхухэр щызыхэзэрыхьам и адэм имыщIэу унэм щIэлъыу хъуар дэзышу дэкIыжам нэхърэ нэхъ Iей иджы къишэжар Мыхъуну Щогугь Мухьэмэд. И анэр псэу анэнэпIэсыфIым щыгугъыу лъэхъуэщым къикIыжуну Мухьэмэд зыIууэнур КъэщIэгъуейт, ауэ ари зыри нэхъ нэхъыфIт.
Мухьэмэд и адэм кьишэжа цIыхубзыр, анэнэпIэсыфI ЩIэмыхъун щхьэусыгьуэ щыIэтэкым, абы гьэщIэгъуэнырати игъащIэ льандэрэ зэрыхабзэу лъыхъуар лIыратэктым, и лIыр ефэуэрэ алкоголик хъуу зигур фIэмыщIым хуэдэу уфIыцIа цIыхубзырат псори къыщельар. ЛIы лъагэм и сэмагурабгьур иIыгъыу къалэ уарамым ирикIуэну aр сытым хуэдэу щIэхъуэпсырэт зыкъом щIауэ, щхьэгъусэ иIэти хъуртэкъым. Ар псори зэрыщытар фIы уэ жызыIэжыфынур зыгуэрым фIэгъэщIэгьуэныу щIэупщIэм, дэлэлу щыта бтырыбжьэхэ япхъу ленэщ. Мухьэмэдхэ я унэм хьэпшып щIэлъ тIэкIур щIищу фызыр зэрыщIэпхьуэжар нэхъапэу зэхэзыхауэ щытари аращ. Мухьэмэд и адэм я жэмыхьэтым хъыбар Iей щиIэтэкъым, сыткIи щиIэнт, и Iэпэм дыщэр къыпыщт, зэIусэм псэ хелъхьэ жыхуаIэм хуэдэт: гьущI игьавэрт, пхъащIэт, сытхуэдэ ухуэныгъэми хэзагъэрти фочыкум хуэдэу унэ блынхэр зэтрильхьэфырт. Дапхуэдизу ар гуащIафIэу щымытами зэи и сомым и кIапэ хузтегъэхуакым щхьэгьусэ тэмэм къызэрыхумыжам къыхэкIыу. Фызыр лIэужьыгъуищу зэрыщхьэщидзыр Мухьэмэд и адэм фIыуэ и нэгу щIэкIат. Хэт и цIыхухъуи фыз тэмэм къыпэщIэхуэм епэрхэр къыщыгъагьэ гьатхэ губгъуэ дахэу и гьащIэ Iыхьэр игьэкIуэнущ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ…
Псори кьыщежьэр унагьуэращ. Мухьэмэд и адэ бейижь Сэфарбий япэу къиша и щхьэгьусэм хабзэм тегу щIэупщIэри а зэманым къекIуэкI уасэри щIитри игъэфызыну, дэпсэуну адыгэ нэчыхь хуригьэтхауэ щытащ. Урыс нэчыхь зэраIэмкIи щхьэт техъуэ тхылъ яIащ. – ТIуми зыри къикIакъым, а псом и щIыIужу адыгэ нэчыхьыр щатхым уэчыл ищIауэ щыта и адэ къуэш нэхъыжьри тхьэгъэпцI ищIащ. Балигь ухъуауэ унагьуэ ущихьэкIэ зыгуэрым щхьэкIэ укъэувыIэ хъунутэкьэ? Мо унагьуэ Iэслъэсым ирапIыкIа цIыхубзым я сомитIым и кIапэр зытехуау зэрилъагьуу базаракIуэ хъуащ. ЩIымычэу хэплъыхьауэ лы кьищэхунут, пщафIэрэ ямышхIэуэ къэна-нэна щыIэм, къигъэхуэбэжу унэм щIэсхэм яригьэшхынутэкъым, IеI хъуащ мэ ищIащ-жиIэнурэ ар хьэм иритынут, пIащIэ-тхъытхыу дэкIынурэ аргуэру куэл кьихьынурэ кьэкIуэжынут. Мо махуэ псом къэрукIэ лэжьа лIыр тIэкIу едзэкъам жейину, зигьэпсэхуну пIэмкIэ екъурт, махуэ псом гъуджэм ипльэу, базэр щхыныфIхэр ишхыу унэм щIэса цIыхубзым и щхьэм илъыр нэгьуэщIт…
Базэрым лы ищэу тет ермэлы гуэрым Мухьэмэд и анэр дэкIуэса нэужь, абы щхьэкIэ дунейр къэкъутэжакъым, Бахъсэныжьи къиури теужащ армыхъуамэ псыхъуэм дэкIыу зыщIыпIи кIуэфакъым. Урыс пащтыхьыр зэрытырадзрэ Бахъсэн аузым апхуэдэ хьэдэгъуэдахэ къэхъуауэ жызыIыжыфа нэхъыжь ягъуэтакъым псори къэгьэнауэ. Мухьэмэд и адэр тэмакъкIыхьащ а зэманым куэдым ягъэщIагъуэу, сыт ищIэнт быным и хьэтыркIэ ныбжь къытридзар иригъэхын ***й хъуащ. Ермэлым и щхьэр Iэ лъэныкъуэкIэ фIиIуэнтIыкIыфынут – адкIэ лъэхъуэщт? Сабий зи анэ псэу зеиншэу къэнам, кIуэ пэтми къыдэкIуэтеинурэ упщIэ куэд иту щIидзэнут. Благъэ-Iыхьлы щIыжаIэр арати Мухьэмэд ар насыпышхуэм, анэнэпIэс хъэрзынэ къыхуагъуэтащ. Псоми зыжьу зеиншэу къэна сабийр ягъейрт, армыхъуамэ щIэщхъушхуэ къызщыщIа цIыхухъум зыкъыдагъэшу зыри жаIэртэкъым, Сэфарбий аби къелащ, жьышхуэ къызэрыхукъуэур кьыщищIари нэхъ иужькIэщ. И дыщым кIуэжырейт, зэ кIуэжамэ махуэ бжыгъэкIэ кьэмыкIуэжу щыIэфывут. IэнэщIыуи кIуэжынутэкъым я дежхэм хьэхрэщIыхэу яхуэщэхуэнут си хъыджэбз цIыкIу закьуэм зэ зы зэман зыгуэр къыхуащIэжынкъэ-жиIэу къыщIэкIынут. Анэм и IэфIагъ жыхуаIэм хуэхей щIалэ цIыкIур апхуэдэхэуэрэ кIэрутIпщ хъуащ, школым щыщIэсами зыхэмыхуэн хуея гуп гуэрхэми пэшэгъу яхуэхъуащ.
Хэт мы Iэгуахъуэми Алыхьым фIыуэ къилъэгъуауэ кжыщIэкIынущ. Мухьэмэд и адэ Сэфэрби нэхъыбэжрэ и гур зэщыуэнт IэпщIэлъанщIэу щымытатэм. Унэ щIыхьэху ящIми, нэгъуэщI Iуэху гуэр псэуныгъэм теухуауэ хьэблэм зыгуэрым къиIэтамэ, ар ехъIулэу зыхигьэнинутэкъым, лэжьапIэми апхуэдабзэти зыхэт коллективым фIыуэ къалъагъурт. Ленэ деж бжьыхьэ ***гъэзэкI хъуауэ фэтэру къыщIэтIысхьа цIыхубзыр IэнатIэ гугъум Iутми и фэкIэ фIыуэ къызэтена лIы лъагэм зыри жимыIэу зыкъомрэ къыхукъуэплъащ. Зы цырхъ гуэр къэIуауэ Ленэ хуэдэтэкъым ар зыIузмыщэфынур!...
«НысащIэр» – машинэм IэплIэкIэ кърихыу унэм щIэзыхьауэ щытар Сэфарбий и пхъурылъху Шамхьунщ. Ари фIыуэ кърихьэлIат абы щыгъуэ, адыгэ нэчыхьыр зытха ефэндыри и «Волга»-кIэ кIуэри псынщIэу къигъэсат.
Мухьэмэд ягъэтIысауэ зэрыщысыр зэрызехьэр щекIуэкIыращ Шамхьун кьыщищIауэ щытари. И адэм и фызышэм балигъ хъуа и кьуэр щыхэмыткIэ, абы къомыщIапIэр иIэт.


Рецензии