Псапэ зэхэдзэ

Шамхьун игу къеуэрт дин хабзэхэм ящыщу зыри зэрыхуэмыгъэзащIэр. Мызэ-мытIэу а Iуэхум щытепсэлъыхьат и унагъуэм. Мурад ищIат. Рэмэзан мазэр къихьэмэ, и фызым и гъусэу нэщIыну, мэжджытым нэмэз щызыщIхэм яхыхьэну. Ар зригъэхъулIэфынкIи хъунут, бэджэндырылажьэхэм яхэмытатэмэ. И унагьуэр Тэрч адрыщIым къыщинэри, езыр Дзэлыкъуэ куейм къэкIуауэ, зэрыжаIэщи. И кIэтIийр и вакъэпсу мэлажьэ, гуп иныфIым и пашэу. КIэртIоф, гъавэ хъарзынэ кьрахьэлIэ.

МИС ИДЖЫПСТУИ хьэсэкIэм деж щытщ, кIэртIоф къэзыщыпхэм нобэ яхузэфIэкIар ееэп къещIыжри. «Iей хуэдэкъым, - къогуфIыкI и гур, - хьэлъэзешэ машинэу плIы едгьэшащ, етхуанэри хьэзыр мэхъу».
ХьэсэпэмкIэ маплъэри, къелъагъу «джип» фIыцIэшхуэ къызэрыIухьар, абы лIы пIащэшхуэ къызэриувыкIар, хуэм дыдэурэ, и щхьэм пщIэ зэрыхуищIыжыр нэрылъагьуу, къызэрыхуэкIуэр. ГуфIэгъуэр и нэгум йобзэхыкI, куейр зыгъэгузавэ хъунщIакIуэрауэ ***гьэфащэри.
ЛIыр кIэртIоф къэзыщыпхэм яхохьэ. ГъэщIэгъуэнщ, зыгуэрхэм гуапэу фIэхъус кърах, фызыжь гуэрым IэплIэ къыхуещI, звеновод хьэжкъасыми нэфIэгуфIэу и Iэр Шамхьун и дежкIэ къеший, моращ ди бригадирыр жыхуиIэу.
ХьэщIэ мыцIыхур Шамхьун къыхуокIуэ, къызэтоувыIэри, уэрэд къизышу къыщхьэщыува уэгунэбзум худоплъей. Бжьыхьэ махуэ уэфIым и дахагьэр зэрызыхищIэр нэрылъагъущ.
Къыбгъэдохьэ бригадирми, къыщыгуфIыкIыу, и Iэр къеубыд, къыщотхъу:
- Зи хъыбарыфI зэхэсха IэщIагъэлI хьэлэмэтыр, бэвыпьэр зыхуэщыр, си гуапэщ узэзгьэцIыхуну!
- Къеблагъэ, къуэш, моуэ ашыкым газет тезубгъуэнщи, зумысыгьуэджмэ, къэтIыс.
- Хьэуэ, сытIысуи уи зэманыр къыптесхыну сыхуейкъым. Си мурадыр къехьэкI-нехьэкI хэмылъу пхуэсIуэтэнщ…
КъызэрыщIэкIамкIэ, лIы пIащэшхуэр щIэныгьэлI цIэрыIуэ Щокъуий Алихъант, Сыбырым щылажьэрт, и зыгьэпсэхугьуэ мазэти, щалъхуа жылагьуэм, мы щIыпIэм нэхъ къыпэгъунэгьу дыдэм лъагъунлъагьу къэкIуэжат, и унагъуэри и гъусэу. Илъэс къэси зэрищIым хуэдэу, мы гъэми гьавэхэкIкIэ япэIэбэну ***йт жьы хъуахэр щапIыж унэм щыпсэухэм.
- КIэртIоф къэпипщI-пщыкIутху хуэдиз къызэщи, интернатым схунегъэгъэсыж!
- Уэдмыщэу уэттьIнщ, лIэун!
- Хьэуэ, ар псапэ хъужрэ? Сэ сызыхуейр, къуэш, си адэанэм я сэдэкъэ пэлъытэу къулейсызхэм сахуэупсэнырщ, къыздэпIыгъмэ.
- Ахьей бдэтIыгъын!... Сэри си лэжьэгъухэри псапэ дыхуейщ! Апхуэдэу щыщыткIэ, псапэ зэхэдзэ дывгъэщI!
- Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ?
- Уэри, сэри, мы хьэсэм хэт псоми ди мылъкукIэ автомашинэ нэхъ пIащэIуэм гъавэр из дощIри, пщэдей фIэмыкIыу интернатым ныдогьэс. Уарэзы?
Алихъан, къыпыгуфIыкгыурэ, и щхьэр ищIащ:
- Илъэс псокIэ ди жьыкIэфэкIэхэр абы къуэмэжэлIыкIынкъым! Ахьей сыарэзы! Афэрым!...
И хьэщIэр иригъэжьэжри, Шамхьун и бригадэм хэтхэр зэхуишэсащ.
Iуэхур зытетыр къызэращIэу: «Тэмэмщ! Дыарэзыщ! ХъарзынэщI» - жаIащ.
Бригадирыр гуфIэрт, фIыгьуэшхуэ гуэр къеуэлIам ярейуэ.

                "Адыгэ псалъэ", 31.3.2009


Рецензии