***

ДащIэмыхьэу къулей хъуахэм,
«Общэуэ» – сэлам,
Псори дэ дыIуэхукъым,
Фэ, зэ фырикъуам.

Си пэр щIым «щихъуау» зэманым,
Сэ сыщысщ губжьау,
Ещхь сыхъуау къысфIощIыр – щхъуэжьым
Къущхьэхъумэ дыджэдам!

Нобэ къэскIэ «Старый дворым»
СыкIуэфакъым зэ,
Сыт итIанэ «Рынок» жыхуаIэм,
И сэбэпу къызэкIар?

Мес, къежыхьыр «Мерсым» ису,
Си ваучерыр – «зышхам»,
Феплъ гува-щIэхами
КъыщIэкIуэнкъым ар!…

ДащIэмыхьэу къулей хъуахэм,
ЕтIыуанэуэ – сэлам,
Сысымей къэсщтакъым зыри,
СIыгъыу арщ къалэм.

Сыщогугъ абы шэсыпIэм,
Фийу сыкърихыну,
«Старый дворым» адкIэ сихыу,
Хуабжьу къысщхьэпэну!


Рецензии