Уэри уэ!
ИкIи у Зеикъуэу икIи у-Уэсмэну,
«Хьэм и ныбэм укъикIащ».
***ту тIэкIу узпэсплъыхьыну
Хъуркъым, пшапэр зэхэуащ.
Моу си куэщIым зэ къитIысхьэт,
Тхьэм и нэфIыр зыщыхуэн,
Зэгуэр уэ пхуэдабзэу сэри
Дыгъэ нуру сыщытащ.
Лъостэнащ Маржан и дэлъхути,
ЗейкI згъэгъуащэуэ щытыгъакъым,
Абы и къуэм и къуэм и къуэр
Ещхьыркъабзэ ухъужаи!
Сэ маршруткэм сыщитIысхьэр-
Слъагъун Цiыху жызори аращ,
Нобэ тIоу къикIащ си кIэныр-
Уэ щIалэфIым сыпIущIащ!
Къазбич Тхьэм уэ уригъэIэ,
Уэ фIы дыдэу укъежьащ,
Ещхь ухъужмэ уи адэшхуэм,
Уэ зэгъащlэ уехъулlащ.
Хьэсэнбий нэхъ щIалэ дахэ,
КъыдэкIам ди къуажэм язщ.
Хъунур пасэу жьыуэ къожьэр:
Хабзэ хъумеу ар щытащ.
Уи жьэр тIэкIу гъэувыIэ хъунуми,
Къыслъыгъэс иджы псалъэн,
Дауэ щымытми уи адэшхуэм,
Сриныбжьщ — лIэун.
Сэ тхьэмадэ сызэрыхъурэ,
Илъэс бжыгьэ хъуащ,
Сипхъу нэхъыжьым и къуэ цIыкIури
Уэщхьy уэ Уэсмэнщ!
Ар тынш дыдэу къэпцIыхуиущ
ТIэкIу зыдрешей,
Абы мащIэу зыщIыхишыр
ПащIэхэ зэрейрщ.
Ар хуэгъэгъуи уи цIэджэгъум
И Iэр схуэубыдыж.
Ди деж куэдрэ къэкIуэрейкъым,
«Хьэмэ къилъхуащ» - Ар!
Свидетельство о публикации №112102705100