Бжьыхьэ

Къэхъуар цIыхухэм къахуэмыщIэу,
Мывэ щхъэл игъэлэжьэнт,
Гъатхэ кIуам къыщыстIым хадэр,
ПщIантIэпс къабзэу щIым хэткIуам.
ХъумпIэцIэджхэм хуэдэу гуащIэ,
ЗиIэ щыIэу къщIэкIынкъым,
Ахэм йожэри Iуэху здащIэ,
Къахуощхьэпэ – зэдейу здекъум.
ЯхузощI абыхэм фIыщIэ,
Сизакъуами сы щхъэхакъым,
Си гугьуехьым иIэщ купщIэ,
Сыт хэссами псыкIэ хъуакъым!
Гъатхэ махуэр згъэкIъуэдатэм,
СIуэтэжынут сытми нобэ,
Сиузэдащ фIы куэдкIэ бжьыхьэм,
Хуэныкъуэнукъым си ныбэ!
ЦIыху емышым куэд къохъулIэ,
Сытым дежи хьэщIэу теуи,
Ар зы щхьэкIи къэмыдзыхэ,
Псэ хьэлэлу дунейм тетщи!
Сыту фIыуэ диIэ бжьыхьэр,
ФIыгъуэ-фIыгъуэхэр къыдиту,
ЩIым сыт хэддзэми тхуобагъуэр,
Дегъэпсэур абы – жумарту!
Си гуэн изу гъэ сытехьэм,
ЩIымахуэжьым сыт ищIэн,
ИугъащIэ пэшхьэку дакьэм,
Куэду сиIэщ – пхъэ згъэсын!


Рецензии