Си Къэбэрдэй

Уей си Къэбэрдейуэрэ цIыху дахэ зи бэ,
Уей си Къэбэрдейуэрэ фо бжьэ матэжь,
Уей си Къэбэрдейуэрэ берычэту Iэбэ,
Уей си Къэбэрдейуэрэ къэзгъэщIа нартыжь!
Уи щIы кIапэ къытеувым-анэ къилъхуу уогуапэ,
Уи гуащIэ къыдэкIауэ ибогъэшхыр-лыжь.
ФIохъускIэ къеблэгъахэм-у щихъыу яIуэтэжыр,
Уи бын бгьэфIахэм ди напщIэм ар темыкI.
Жэнэт унапIэу си Къэбэрдей,
УэрнэхъыфIыу слъагъ щIы Iыхьэ,
Теткъым мы дунейм!
Эйфелевэ башняр уафэм щIэуэу лъагэщ,
Ар ди Iуащхьэмахуэ елъытауэ-зырикIщ,
Модахэр къыщежьэр франджхэм дежыр пэжым,
Къыщежьер ц I ы х у н а г ъ э р сэ си Къэбэрдейщ!!!


Рецензии