Си анэ

си анэ дахэ, си гъащ1эм и нэху
уи 1эр къыздэплъэм къысхуохъуэ гупсэху
укъыщызэплък1э си гур мэгуф1э
сыщынэщхъейм сыбощ1 уэ гурыф1э

сыкъыбохъумэ сызэрыц1ык1урэ
ф1ым сыхуэбгъазэу сыкъэбгъэхъуащ
епхьэк1ащ уи гъащ1эр уэ гугъуурэ
сэ си щхэр лъагэу сэбгъэ1этащ

уи угъурлыгъуэр уи япэ иту
ц1ыхухэм ф1ыуэ укъалъэгъуащ
си гъащ1э псом щапхъэ къызэпту
уэ уи гугъуехьыр къэзгъэпэжащ

ф1ы хущытык1эр, псэм и къэбзагъэр
махуэми жэшми уэ къысхэплъащ
гукъэк1 зищ1ысыр, пэжыгъэм и уасэр
уэ сэбгъэлагъуу сэбгъэц1ыхуащ

уэ пхуэдэ анэр Аллэхьым и ф1ыгъуэ
сэ къыслъысауэ сытетщ мы дунейм
къэзгъэпэжынущ сэ щхьэк1э уи гугъэ
хэткъым мы усэм зы псалъэ лей;


Рецензии