Уэздыгъей щхьэ баринэхэм атк1э - на кабардинском яз....

Уэздыгъей щхьэ баринэхэм атк1э,
Мыл къурш щыгум лъы1эсхэу зэм-зэм,
Пшэ 1эрамэхэр гуартэу щохъуак1уэр...
Сэ, слъэмык1ыу, къызощтэр къалэм...

Сыщхьэхуиту дакъикъэ щызгъуэтым,
Хуэдэу нобэ, зы махуэ дахэф1,
Ныпызощэр, къуршыжь, си уэрэдым:
Къысщыхуэну сыф1эщ1у уи нэф1...

Сыхьэт куэд сф1ыбохьэху: Сэ сыноплъэр,
Мывэ къэск1э 1э дэслъэу, уи нэпкъ,
Гу-псэ пц1анэ уэрэд пхузэхэслъхьэу,
Мы дунейм щызек1уэху псалъэ 1эф1:

Уэсэпс щ1ы1эм къетхьэщ1ыр си напэр,
Хьэуа къабзэмк1э мэхъур сигу из,
Сщыгъупщауэ мы дыгъэ нэпс дзакъэр,
Сымыщ1эжу гукъеуэр зищ1ыс:

Т1эк1у упхыплъмэ, телъыджэщ мы ц1ыхур:
Нэпсеягъэм дунейр итхьэкъуащ:
Хурикъужкъым абы дуней нэхур,
Иц1ыхужкъым а псор къезытар:

Куэдрэ си гур абы иробамп1эр,
Зыпэслъытмэ абы ихь зэман,
Щэхуу гугъэ нэхъыф1хэр согъаф1эр,
Защ1эжыну, ц1ыхубэ хъеям.

Хьэуэ, хэткъым мы жыс1эм щыуагъэ,
Теухуауэ 1уэхушхуэ къежьам:
Пэжыр жып1э щыхъу махуэр мэхъу благъэ,
Сыригъусэщ а махуэм пежьам.

Ди ц1ыхубэр щыхъейр - хэт1эсауэщ,
Сф1ощ1ыр хэлъу абы щэху-хьилагъ,
Здынэсыным мыхъумыщ1эр нэсауэщ
Щызэхащ1эр абы и хьилагъ...

Сыт хуэдиз пыдупщ1ар нобэ мэзу?:
Псышхуэ дапщэ щхъухь-псыхьк1э дгъэнщ1ар?
Дошынэж зы1утлъхьэн ар ди1у нэсу:
Хэт а псомк1и зи жагъуэ дэ тщ1ар?:

Щы1эщ ц1ыху, илъэс куэд къагъэщ1ауэ,
Пэж яжеп1эм къыпадзу делагъ:
Залъытэжу л1ыхъужь нэгъэсауэ,
Ящ1ыфамэ ц1ыху напэр лъэпагъ:

- Аdam - 1989гъ.Августым и 5-м (03:18) -


Рецензии