Бзухэр си ныбжьэгъущ

Бзухэр си ныбжьэгъущ

1)Нанэ щlакхъуэ игъэжьати,
Щlакхъуэ lыхьэ къызитащ.
Сшхыурэ унэм сыщlэкlати,
Бзум ялъагъури,къэтlысащ.
2)Щlакхъуэ lыхьэр ядэзгуэшу,
А бзу цlыкlухэм яхуэздзащ...
Махуэ къэс апхуэдэу згъашхэм,
Згъашхэурэ,ныбжьэгъу схуэхъуащ.
3)Иджы ахэр къызэсауэ,
Куэдрэ пщlантlэм щызогъашхэ.
Джэдхэри,бзум есэжауэ,
Зы жамыlэу,зыдагъашхэ.

Пщыхьэщlэ Хьэмзэт,
"Нур" журнал
hamzat-07.livejournal.com


Рецензии